Къанокъуэ Арсен, Башир и къуэ | |
И лэжьыгъэр: | къэрал лэжьакӀуэ, КъБР-м и Президент |
Къыщыхъуар: | 1957 щӀышылэм и 22 (67 гъ.) |
Къыздэхъуар: | Шытхьэлэ, КъБР, Урысей |
Дунейм щехыжар: |
Къанокъуэ Арсен, Башир и къуэ - адыгэ къэрал лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэ, КъБР-м и Президент.
КъБР-м, УФ-м я политикэ, экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэхэм хуищӀа хэлъхьэныгъэм къалъыту къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапӀэ куэд: «Хэкум и пащхьэм щиӀэ фӀыщӀэхэм папщӀэ» орденым и IV[1] нагъыщэр; Зэныбжьэгъугъэм[2] и орденыр.
Къанокъуэ Арсен 1957 гъэм Шытхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ.
1981 - 1983 гъэхэм армэм къулыкъу щищӀащ.
2005 гъэм, фокӀадэм и 28 КъБР-и и Ӏэтащхьу япу хахащ, 2010 гъэм етӀану хахыжащ.
2013 гъэм, дыгъэгъэзэм и 25 УФ-м ФедерацэмкӀэ и Советым КъБР-м хахащ.
Щхьэгъусэ Фатимэ, Муаед ипхъу; и пхъу Мадинэ, и къуэ Альберт, и пхъу Аминэ. [3]